Перевод: со всех языков на все языки

со всех языков на все языки

жьэ мафIэ

  • 1 мафIэ

    1. огонь
    / Зыгуэр зыс лыгъей.
    МафIэ гуащIэ. МафIэр ужьыхыжын.
    * МафIэ щIынкIэ Iэзэр унагъуэ зэгъэзэгъщ. (погов.)
    2. переносное горячий, пылкий (о человеке, лошади)
    / Хъыжьэ, пхъашэ.
    * - Мыр сыту шу мафIэ! - жаIэу цIыхухэр мэкIий. Нарт.
    Банэ мафIэр къыIурихын = мафIэр къыIурихын.
    Жыхьэнмэ мафIэ см. жыхьэнмэ.
    Жьэ мафIэ см. жьэ.
    МафIэ едзын ввергнуть кого-л. в неприятность, тревогу.
    МафIэ ещIылIэн = мафIэ едзын.
    МафIэ зэщIэгъэнауэ = мафIэ зэщIэнауэ.
    МафIэ (зэ)щIэгъэстын обострять что-л., подливать масло в огонь.
    * Абы {пщащэм} мафIэр щIигъэст зэпытурэ укъришэкIынщ. КI. Т.
    МафIэ зэщIэнауэ энергично. МафIэ зэщIэнауэ мэлажьэ.
    МафIэ ищIэн затопить печь, развести огонь в печи.
    МафIэ къридзын 1) схватить лихорадку. 2) см. мафIэ едзын.
    МафIэ къыщIэнэн 1) гореть( от высокой температуры)2)черезмерно суетиться.
    МафIэ лыгъейуэ (гуащIэн) быть не в меру пылким, горячим.
    * Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр мафIэ лыгъейуэ гуащIэт. фольк.
    МафIэ щIэгъэуэн слегка опалить, обжечь что-л.
    МафIэ щIэдзэн = мафIэ едзын.
    * - Хъунщ иджы, КIуринэ, - жиIащ абы. - Уэ си гум мафIэ щIэбдзащ. Iуащхь.
    МафIэ щIэщIэн = мафIэ едзын.
    МафIэ щIын развести огонь, костёр.
    МафIэ яшха хуэдэ с отчаянностью обреченных (букв. словно съели огонь).
    * ЛIыжьым жиIэр дауи, нэхъ пэжт, абрэдж къомыр мафIэ яшха хуэдэ, къэубыдыгъуейт, псэууэ зыми зыкъыуигъэубыдынутэкъым. КI. А.
    МафIэм зегъэун греться у огня.
    * Дон лIыжь цIыкIум дакъэжь мафIэм зригъэут. фольк.
    МафIэм ису как в огне.
    * ЛIыжьхэм ядэкIуэта иужькIэ езы Шэджэмокъуэм къигъэзэжащ, нэхъри къызыщIэплъарэ мафIэм ису. Т. Хь.
    МафIэм исын пропасть, пойти прахом.
    МафIэм къуацэкIэ хэуэн раздувать ссору.
    МафIэм хэдзэн = мафIэ едзын.
    МафIэм хэхуэн попасть в переплёт.
    МафIэм хисхьэн = мафIэм исын.
    МафIэр къыIурихын метать искры.
    * Сыту пIэрэ зыхуейр жысIэри сабгъэдыхьащ, сабгъэдыхьэмэ, - председателым, кIуэаракъэ, мафIэр къыIурех. Iуащхь.
    МафIэр нэм къыщIихын гореть ненавистью ( о глазах).
    * Бэрокъуэ Адэлбий къэгубжьауэ и нэм мафIэр къыщIихырт. Т. Хь.
    МафIэхьэ укъэкIуа? за огнём что ли пришел? (говорят человеку, который сильно спешит).
    мафIэ бзий пламя
    / Пкъыгъуэр щискIэ къыхиху, нуру блэр.
    * {Джэмыдэжьым} и пэ гъуанитIым къриху мафIэ бзийм гъуэгу напщIэхэр илыгъуэрт. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > мафIэ

  • 2 жьэ

    1. рот
    / Iупэхэм, дзэхэм я зэтехьэпIэм къыщыщIэдзауэ къурмэкъеищхьэм нэс зэхуакур.
    Жьэм жьэдэлъхьэн. Жьэр ущIын.
    * Зэтрехыр пщащэм и жьэр, жьыр а цIыкIум имыгъуэту. КI. А.
    / Бзэ.
    * Жьэр насыпым и щIэлъэныкъуэщ. (погов.) Щхьэм жьэр и лIыкIуэщ. (погов.)
    Жьэ бзаджэ зэщIэхын говорить грубо, грубить.
    Жьэ зэщIэхын заговорить (букв. раскрыть рот).
    * Абы жиIэр нэгъуэщIым жегъэIи, зым и жьэ зэщIихынкъым. Iуащхь.
    {Я} жьэ зэсэн привыкнуть к грубостям со стороны друг друга.
    Жьэ мардэу жыIэн запросить определенную цену.
    Жьэ махуэ ипсэлъыкIын сказать что-л. к счастью.
    Жьэ мэхъаджэ сквернослов.
    * Зи жьэр мэхъаджэм и Iэр сымаджэщ. (погов.)
    Жьэ мыгъуэ ипсэлъыкIын сказать что-л. к несчастью.
    Жьэ мыгъуэ ишхыдыкIын = жьэ мыгъуэ ипсэлъыкIын.
    ЖьэкIэ плъэн быть ротозеем.
    ЖьэкIэ хэшхыхьын есть поедом кого-л.
    ЖьэкIэ шхын = жьэкIэ хэшхыхьын.
    Жьэм жьэдэмыкIын не сходить с языка.
    {И} жьэм къекIуэ къимыгъанэу = жьэм къихь къэмыгъэнэн.
    {И} жьэм къемыкIуэн язык не поворачивается.
    Жьэм къихь къэмыгъэнэн ругать, поносить кого-л.
    {И} жьэм пэшот тегъэуащ = жьэм хьэкъурт жьэдэлъын.
    {И} жьэм тхъурымбэ къищIауэ с пеной у рта.
    * -Былымыр нэхъ Iущщ фэ нэхърэ, цIапIэ гуп! - мэкIий СулътIан, и жьэм тхъурымбэ къищIауэ. Щ. Ам.
    Жьэм тхъурымбэ къищIыху псэлъэн говорить без умолку (букв. до появления пены у рта).
    Жьэм хуэхьын есть, кушать.
    Жьэм хьэкъурт жьэдэлъын молчать словно воды в рот набрал.
    {И} жьэр егъэубыдын заставить кого-л. держать язык за зубами.
    {И} жьэр зэтеда хуэдэ = жьэм хьэкъурт жьэдэлъын.
    * Сэри, си жьэ зэтеда хуэдэ, сыщысынкъым. Къу. Къ.
    {Я} жьэр зэтемызэгъэн не уживаться, постоянно ссориться друг с другом.
    Жьэр зэтенэн потерять дар речи.
    * -Фи жьэр зэтена, щхьэ зыгуэр жывмыIэрэ? - жиIэри старшынэр къэгубжьащ. КI. А.
    Жьэр зэтепIэн = жьэр убыдын.
    Жьэр зэтехын = жьэр зэщIэхын.
    * -Уэсмэн фIэкIа зи жьэ зэтезыхыфын фхэмыту ара? - жиIащ абы. КI. А.
    Жьэр зэщIэкъуэн придержать язык, умолкнуть.
    Жьэр зэщIэнэн потерять дар речи.
    * Ахэр фIыкIэ къызэрыхуэмыкIуар фызабэ тхьэмыщкIэм зэуэ къищIэри жимыIэжыф-Iауэ и жьэр зэщIэнащ. I. Аб.
    Жьэр тетIэщIэн обругать кого-л., выговорить кому-л. все, что накипело на душе.
    Жьэр убыдын держать язык за зубами.
    Жьэр утIыпщын развязать {свой} язык.
    Жьэр ущIауэ с разинутым ртом.
    Жьэр ущIын разинуть рот.
    {И} жьэр хуэмыубыдын не уметь держать язык за зубами. Iэхьмэд и жьэр хуэубыдтэкъым.
    {И} жьэр Iурыхун разинуть рот от удивления.
    * Мэдж къащтэри и жьэр Iурыхуащ. Iуащхь. Мэтхъэныр зыщIэс пэшым Лу щыщIыхьэм, занщIэу и жьэр Iурыхуащ. КI. А.
    ЖьэфI зэщIэхын говорить громко, грубо.
    жьэ бзаджэ злоязычный
    / Дыджу, гурыуэу псалъэ.
    ЦIыху жьэ бзаджэ.
    жьэ кIуэцI полость рта
    / Iупэхэм, дзэхэм я зэтехьапIэм къыщыщIэдзауэ къурмэкъеищхьэм нэс зэхуакурщ.
    жьэ къупщхьэ челюсть
    / Дзэхэр зыхэты нэкIум хэлъ къупщхьэ.
    * Бзу цIыкIум и жьэ къупщхьэр щIэпкIащ. Дыщэ кI.
    жьэ нахуагъэ откровенность
    / Жьэ нахуэ псалъэм къытекIа щыIэцIэщ.
    жьэ нахуэ откровенный
    / Игу илъыр имыбзыщIу жызыIэ.
    ЦIыху жьэ нахуэ.
    жьэ пIащIэ 1. тонкогубый
    / Iупэ пIащIэ. 2. болтливый, говорливый
    / Псэлъэн зыфIэфI, псэлъэрей.
    жьэ цIапIагъэ сквернословие
    / Жьэ цIапIэ псалъэм къытекIа щыIэцIэщ.
    жьэ цIапIэ севернослов
    / ГуемыIуу псалъэ.
    жьэ Iушэ косоротый
    / Зи жьэр, Iупэр ешэкIауэ щыт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > жьэ

  • 3 зэщIэнэн

    I (зэщIонэ) неперех. гл. 1. загореться, засветиться, зажечься (напр. о лампе)
    / Къэлыдын, къыпынэн (уэздыгъэр). МафIэр зэщIэнащ. Жыгеипхъэр зэщIэнащи, дрехуейр Iугъуэр уафэм. Къэб. п. и ант. МафIэр зэщIэнэри ин хъуауэ, мафIэ бзийр дэлъейуэ лыдырт, Iэшэлъашэр игъэнэхуу. Т. Хь.
    2. завестись (напр. о моторе)
    / Ежьэн, зэщIэплъэн, лажьэу щIидзэн (мотор). Шоферым стартерыр лъапэкIэ трикъузэри моторыр зэщIэнащ.
    3. переносное покраснеть, раскраснеться (от волнения, смущения)
    / УкIытэм, гузавэм къыхэкIыу къызэщIэплъэн, плъыжь къэхъун.
    Хъыджэбз цIыкIум и нэкIур дыхьэрэну зэщIэнащ.
    4. переносное воодушевиться
    / Гум зыкъиIэтын, къэгушхуэн.
    Дзэпежьэу зэхуэса псори зы гуфIэгъуэшхуэкIэ, зэщIэнащи, дэтхэнэ зыри гурыщIэ бэтам зэщIеубыдэ. Ш. А.
    5. переносное вспылить, рассердиться
    / Къэлыбын, къэгубжьын.
    Бэдынокъуэ къэгубжьщ, Дакъэжь мафIэу зэщIэнэщ. Къэб. п. и ант.
    II:
    Iэпкълъэпкъыр зэщIэнэн см. Iэпкълъэпкъ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэщIэнэн

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»